Сэтэней.

МэкъупIэхэм, хъупIэхэм, хуейхэм къыщыкI къэкIэгъэ лъэпкъыгъуэщ. Ди щIыпIхэм апхуэдэу лIэужьыгъуитI къыщІокІ. Зым и гъэгъахэм къапщІиитху, адрейм - къапщІиих иІэщ.
КъапщІиих зиІэ сэтэнейм языныкъуэ адыгэхэр Губгъуэ сэтэнейкІэ йоджэ. Илъэс зыбжанэкІэ мэпсэу, лъабжьэжь гъум ещІ. И пкъыр мэщхьэлъэ, и гъэгъахэм Іэрамэ хужь хъурей дахэу зыкъызэкІуэцІах, мэ ІэфІ, дахэ къапех. КъэкІыгъэм и тхьэмпэхэр къабзийм ещхьщ, кІыхьщ, зэгуэбза куэд яІэщ. КъыщІыкІ щІыпІэм и хуабагъ-щІыІагъым елъытауэ нэхъ пасэу е нэхъ кІасэу (май мазэм) къогъагъэ. Губгъуэхэм, хъумпІэхэм, мэкъупІэхэм къыщІокІ. Хущхъуэу адыгэхэм къыщагъэсэбэп къохъу. Бжьэм фо къыхах. Губгъуэ сэтэнейм и къыщхьэлъэгъуэ пщІондэ гъатхэ вэн-сэныр ирагъэкІуэкІ. «Сэтэнейп къэщхьэлъамэ, гъунэ иумылъыж»,—жаІэ адыгэхэм.
КъапщІиитху зиІэ сэтэнейр псыххъуэхэм, мэзыбгъуэхэм, хуейхэм, къуэ дурэшхэм, бгъыщхьэхэм, щІыпІэ щІыІэтыІэхэм къыщІокІ. Адыгэ лІыжь-фызыжьхэр, губгъуэрыс цІыхухэр а къэкІыгъэм МэзсэтэнейкІэ йоджэ.
КъэкІыгъэр м 1—2-кІэ докІей, и тхьэмпэхэр, къабзийм ещхьу, тхьэмпэ цІыкІуи 4—10-уэ зэхэтщ, я щІагъыр хужьщ, щабэщ. Илъэс зыбжанэкІэ мэпсэу, лъабжьэжь быдэ иІэщ. Гъэгъахэр Іэрамэ хужьышхуэу удз щхьэкІэ июным—июлым къыпедзэ, губгъуэ сэтэнейр уигу къигъэкІыу, мэ дахэ къыпех. Адыгэхэм хущхъуэу къыщагъэсэбэп къохъу.
Хьэкъун Барэсбий «Адыгэ къэкІыгъэцІэхэм.»

Сэтэней. Растения, Адыги, Цветы, Кавказ, Кабардинский язык